Перевод: со всех языков на русский

с русского на все языки

Жьэр зэщIэкъуэн

  • 1 зэщIэкъуэн

    а) (зэщIекъуэ) перех. гл. 1. собрать кого-что-л. в одно место
    / Зыгуэрхэр зэхуэхьэсын, зэхуэлъэфэсын, зэуIу щIын.
    Мэлхэр зэщIакъуэри къуажэм дахуащ.
    2. прибрать, убрать что-л.
    / Зыгуэр зэлъыIухын, лъэныкъуэ егъэзын, зэщIэубыдэн.
    Пэшыр зэщIэкъуэн. ПащIапцIэ ин зытет шызешэ лIы гъумыщIэр ней-нейуэ Бэрокъуэм къеплъащ. шхуэмылакIэр зэщIикъуэри быдэу иубыдыжащ. Т. Хь.
    б) (зэщIэкъуащ) неперех. гл. 1. быть собранным ( собранными) в одно место
    / Зыгуэрхэр зэхуэлъэфэсауэ, зэхуэдзысауэ щытын.
    Мэкъур зэщIэкъуат.
    2. быть убранным, прибранным
    / Зыгуэрхэр зэлъыIухауэ, гъэкъэбзауэ, зэщIэлъэщIауэ щытын.
    КIукIуэ и щхьэц ухуэнар зэщIэкъуащ. Iуащхь.
    Жьэр зэщIэкъуэн просторечие см. жьэ.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > зэщIэкъуэн

  • 2 жьэ

    1. рот
    / Iупэхэм, дзэхэм я зэтехьэпIэм къыщыщIэдзауэ къурмэкъеищхьэм нэс зэхуакур.
    Жьэм жьэдэлъхьэн. Жьэр ущIын.
    * Зэтрехыр пщащэм и жьэр, жьыр а цIыкIум имыгъуэту. КI. А.
    / Бзэ.
    * Жьэр насыпым и щIэлъэныкъуэщ. (погов.) Щхьэм жьэр и лIыкIуэщ. (погов.)
    Жьэ бзаджэ зэщIэхын говорить грубо, грубить.
    Жьэ зэщIэхын заговорить (букв. раскрыть рот).
    * Абы жиIэр нэгъуэщIым жегъэIи, зым и жьэ зэщIихынкъым. Iуащхь.
    {Я} жьэ зэсэн привыкнуть к грубостям со стороны друг друга.
    Жьэ мардэу жыIэн запросить определенную цену.
    Жьэ махуэ ипсэлъыкIын сказать что-л. к счастью.
    Жьэ мэхъаджэ сквернослов.
    * Зи жьэр мэхъаджэм и Iэр сымаджэщ. (погов.)
    Жьэ мыгъуэ ипсэлъыкIын сказать что-л. к несчастью.
    Жьэ мыгъуэ ишхыдыкIын = жьэ мыгъуэ ипсэлъыкIын.
    ЖьэкIэ плъэн быть ротозеем.
    ЖьэкIэ хэшхыхьын есть поедом кого-л.
    ЖьэкIэ шхын = жьэкIэ хэшхыхьын.
    Жьэм жьэдэмыкIын не сходить с языка.
    {И} жьэм къекIуэ къимыгъанэу = жьэм къихь къэмыгъэнэн.
    {И} жьэм къемыкIуэн язык не поворачивается.
    Жьэм къихь къэмыгъэнэн ругать, поносить кого-л.
    {И} жьэм пэшот тегъэуащ = жьэм хьэкъурт жьэдэлъын.
    {И} жьэм тхъурымбэ къищIауэ с пеной у рта.
    * -Былымыр нэхъ Iущщ фэ нэхърэ, цIапIэ гуп! - мэкIий СулътIан, и жьэм тхъурымбэ къищIауэ. Щ. Ам.
    Жьэм тхъурымбэ къищIыху псэлъэн говорить без умолку (букв. до появления пены у рта).
    Жьэм хуэхьын есть, кушать.
    Жьэм хьэкъурт жьэдэлъын молчать словно воды в рот набрал.
    {И} жьэр егъэубыдын заставить кого-л. держать язык за зубами.
    {И} жьэр зэтеда хуэдэ = жьэм хьэкъурт жьэдэлъын.
    * Сэри, си жьэ зэтеда хуэдэ, сыщысынкъым. Къу. Къ.
    {Я} жьэр зэтемызэгъэн не уживаться, постоянно ссориться друг с другом.
    Жьэр зэтенэн потерять дар речи.
    * -Фи жьэр зэтена, щхьэ зыгуэр жывмыIэрэ? - жиIэри старшынэр къэгубжьащ. КI. А.
    Жьэр зэтепIэн = жьэр убыдын.
    Жьэр зэтехын = жьэр зэщIэхын.
    * -Уэсмэн фIэкIа зи жьэ зэтезыхыфын фхэмыту ара? - жиIащ абы. КI. А.
    Жьэр зэщIэкъуэн придержать язык, умолкнуть.
    Жьэр зэщIэнэн потерять дар речи.
    * Ахэр фIыкIэ къызэрыхуэмыкIуар фызабэ тхьэмыщкIэм зэуэ къищIэри жимыIэжыф-Iауэ и жьэр зэщIэнащ. I. Аб.
    Жьэр тетIэщIэн обругать кого-л., выговорить кому-л. все, что накипело на душе.
    Жьэр убыдын держать язык за зубами.
    Жьэр утIыпщын развязать {свой} язык.
    Жьэр ущIауэ с разинутым ртом.
    Жьэр ущIын разинуть рот.
    {И} жьэр хуэмыубыдын не уметь держать язык за зубами. Iэхьмэд и жьэр хуэубыдтэкъым.
    {И} жьэр Iурыхун разинуть рот от удивления.
    * Мэдж къащтэри и жьэр Iурыхуащ. Iуащхь. Мэтхъэныр зыщIэс пэшым Лу щыщIыхьэм, занщIэу и жьэр Iурыхуащ. КI. А.
    ЖьэфI зэщIэхын говорить громко, грубо.
    жьэ бзаджэ злоязычный
    / Дыджу, гурыуэу псалъэ.
    ЦIыху жьэ бзаджэ.
    жьэ кIуэцI полость рта
    / Iупэхэм, дзэхэм я зэтехьапIэм къыщыщIэдзауэ къурмэкъеищхьэм нэс зэхуакурщ.
    жьэ къупщхьэ челюсть
    / Дзэхэр зыхэты нэкIум хэлъ къупщхьэ.
    * Бзу цIыкIум и жьэ къупщхьэр щIэпкIащ. Дыщэ кI.
    жьэ нахуагъэ откровенность
    / Жьэ нахуэ псалъэм къытекIа щыIэцIэщ.
    жьэ нахуэ откровенный
    / Игу илъыр имыбзыщIу жызыIэ.
    ЦIыху жьэ нахуэ.
    жьэ пIащIэ 1. тонкогубый
    / Iупэ пIащIэ. 2. болтливый, говорливый
    / Псэлъэн зыфIэфI, псэлъэрей.
    жьэ цIапIагъэ сквернословие
    / Жьэ цIапIэ псалъэм къытекIа щыIэцIэщ.
    жьэ цIапIэ севернослов
    / ГуемыIуу псалъэ.
    жьэ Iушэ косоротый
    / Зи жьэр, Iупэр ешэкIауэ щыт.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > жьэ

Поделиться ссылкой на выделенное

Прямая ссылка:
Нажмите правой клавишей мыши и выберите «Копировать ссылку»